Праздники. Торжества

Праздник: на празднике.
Какой сегодня праздник?
Почему город (село) так красиво украшен?
Какие государственные праздники у вас отмечаются?
У нас несколько официально установленных праздников.
Какие?
Новый год
7 января – Рождество Христово
День защитника Отечества
Международный женский день
1 мая - Праздник весны и труда
9 мая – День Победы
12 июня – День России
4 ноябрь – День народного единения
Кабардино-Балкарская республика отмечает
и другие даты республиканского значения...
-Праздник весеннего равноденствия
-День возрождения балкарского народа
-День траура адыгского народа
-День государственности
Кабардино-Балкарской республики
-Окончание уразы – Рамадан-байрам
-Курман-байрам
Как обычно у вас отмечают праздники?
Вы видели…?
- кабардинскую свадьбу
- кабардинские танцы
У вас сохранились национально-этнографические обряды?
В разных населенных пунктах проводятся
обрядовые праздники в честь…
-выхода на пахоту
-окончания пахоты
-запеленания младенца лямками в колыбели
-начала хождения ребенка
-рождения сына
Приглашаем вас на наш национальный праздник.
Махуэшхуэ: махуэшхуэм.
Нобэ сыт зи махуэшхуэр?
Сыт къалэр (къуажэр) мыпхуэдэу дахэу щIэгъэщIэрэщIар?
Сыт хуэдэ къэрал махуэшхуэхэр фи деж щагъэлъапIэрэ?
Дэ официальнэу ягъэува махуэшхуэ зыбжанэ диIэщ.
Сыт хуэдэхэр?
ИлъэсыщIэ
ЩIышылэм и блыр – Хъуромэ
Хэкум и хъумакIуэм и махуэ
ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэ
Накъыгъэм и зыр – Гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэ
Накъыгъэм и бгъу – ТекIуэныгъэм и махуэ
Мэкъуауэгъуэм и пщыкIутIыр – Урысейм и махуэ
ЩэкIуэгъуэм и плIыр – ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэ
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм
езым и республикэ фэеплъ махуэхэри иIэщ…
-Гъэрэ щIырэ щызэхэкIыр
-Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыгъуэ махуэ
-Адыгэхэм я щыгъуэ махуэ
-Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм
и къэралыгъуэм и махуэ
-НэщIикIыж хьид
-Къурмэн хьид
Сыт хуэдэу махуэшхуэхэр зэревгъэкIуэкIыр?
Уэ плъэгъуа…?
-адыгэ хьэгъуэлIыгъуэ
-адыгэ джэгу
Лъэпкъ хабзэхэри фи деж хъума щыхъуа?
Языныкъуэ жылагъуэхэм щрагъэкIуэкI
мыпхуэдэ махуэхэр…
-«ВакIуэдэкI» тхьэлъэIу
-«ВакIуэихьэж» тхьэлъэIу
-«Гущэхэпхэ»
-«Лъэтеувэ»
-«КхъуейплъыжькIэрыщIэ»
Ди лъэпкъ махуэшхуэм фыхэтыну фыкъыдогъэблагъэ.
Махуáшхуа: махуáшхуам.
Нóба сы́т зи махуáшхуар?
Сы́т кáлар (куáжар) мыпхуáдау дáхау тщагатщаратщáр?
Сы́т хуáда карáл махуáшхуахар фи дéж щагальáппара?
Да официáльнау ягаувá махуáшхуа зыбжáна ди́ащ.
Сы́т хуáдахар?
Ильасы́тща
Тщышы́лам и блы́р – Хурóма
Хáкум и хумáк'уам и мáхуа
Цыхýбзхам я дунейпсó мáхуа
Накы́гам и зы́р – Гáтхамра лажы́гамра я махуáшхуа
Накы́гам и́ бгу – Тек'уаны́гам и мáхуа
Макуауáгуам и пщык'ýттыр – Урысéйм и мáхуа
Щак'уáгуам и птлы́р – Цыхýба закуатыны́гам и мáхуа
Кабардéй-Балька́р респýбликам
езы́м и респýблика фаéптль мáхуахари и́ащ…
-Гáра тщы́ра щызахáчыр
-Балькáрхам я катщаратщажы́гуа мáхуа
-Ады́гахам я щы́гуа мáхуа
-Кабардéй-Балькáр респýбликам
и каралы́гуам и мáхуа
-Натщичы́ж хи́д
-Курмáн хи́д
Сы́т хуáдау махуáшхуахар заревгак'уáчыр?
Уá птльагуá…?
-ады́га хагуатлы́гуа
-ады́га джáгу
Льáпк хáбзахари фи дéж хумá щыхуá?
Языны́куа жылáгуахам щрагак'уáч
мыпхуáда мáхуахар…
-«Вак'уадáч» тхальáуу
-«Вак'уаихáж» тхальáуу
-«Гущахáпха»
-«Тльатеýва»
-«Кхуейпльыжчары́тща»
Ди тльáпк махуáшхуам фыхаты́ну фыкыдогаблáга.